Къэбэрдей-Балъкъэр Республикам и Iэтащхьэ
КIуэкIуэ К. В. Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ цIыхухэм
ЗЭРЕХЪУЭХЪУР
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
Пщэдей ди республикам игъэлъэпIэнущ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр. Къызэрыхалъхьэрэ куэд мыщIа а махуэшхуэр и щыхьэтщ адыгэхэм лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъу я тхыдэм, лIакъуэ куэдым зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм. Ар щытщ, адыгэхэм я мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыгум мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ яку дэлъу щызэдэпсэу адрей лъэпкъ псоми я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу. Дэ ди къалэныр а фIыгъуэ мылъытэр тхъумэнырщ, ар къытщIэхъуэ щIэблэхэми зэIэпахынырщ.
Адыгэхэм я тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ лъэпкъ куэд зэрыс Урысейм и блэкIам. Дунейм и дэнэ щIыпIэ адыгэхэм ящыщхэр нобэ щымыпсэуми, абыхэм пщIэшхуэ хуащI социально-экономикэ, щIэныгъэ, щэнхабзэ я лъэныкъуэкIэ адыгэхэм заужьыным, зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ я лъэпкъ хьэл-щэнхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, хамэ къэралхэм щыпсэу я хэкуэгъухэм адэжь щIыналъэм пыщIэныгъэ къыхуаIэным хуэгъэзауэ Урысей къэралыгъуэм зэфIигъэкIахэм, ноби зэфIигъэкIхэм.
Шэч къытесхьэркъым а махуэшхуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэным и дамыгъэу, псоми ди зэхуэдэ псэкупсэ хъугъуэфIыгъуэу зэрыщытынум.
Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу а гуфIэгъуэ махуэшхуэмкIэ икIи узыншагъэ, ехъулIэныгъэ, насыпрэ зэIузэпэщыгъэрэ фиIэну си гуапэщ.

Ди лъэпкъэгъу лъапIэхэ!
Ди къуэшхэ, ди шыпхъухэ!
ФокIадэм и 20-м Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэщ! Ди махуэшхуэр махуэгъэпсым къызэрыхыхьэрэ куэд щIакъым. Ауэ адыгэхэр (шэрджэсхэр) лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ди къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ, ди тхыдэр къызэрымыкIуэу бейщ. Ди лъэпкъым къыхэкIащ дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхушхуэхэр-щIэныгъэлIхэр, лIыхъужьхэр, тхакIуэхэр, сурэтыщI Iэзэхэр, генералиссимусхэр.
Адыгэхэр (шэрджэсхэр) дунейм и сыт хуэдэ щIыпIэ щыпсэуми, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэзэми я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь хабзэ гъуэзэджэхэр яхъумэжын яхузэфIокIыр. Мы махуэр и щыхьэтщ лъэпкъ тхыдэр хъумэным, абы и къэкIуэнум хуэсакъыу дызэрыбгъэдыхьэм, дызыхэс лъэпкъхэмрэ дэрэ дяку пщIэ, нэмыс дэлъу дыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуэр.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи си гуапэу сынывохъуэхъу Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэмкIэ!
Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ унагъуэ къэс фиIэну Тхьэм жиIэ!
Ирегъагъэ, ирефIакIуэ адыгэ (шэрджэс) лъэпкъыр!
Иребыдэ лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр!
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Тхьэмадэ
Сэхъурокъуэ Хьэутий

В рамках социально значимого проекта по сохранению исторической памяти и укреплению межнационального согласия, проводимого ОД "Адыгэ хасэ-Черкесский парламент" и межрегиональным обществом "Шыу хасэ" 20 сентября дан старт конному походу "По местам боев партизанских отрядов " - посвящённый 75 летию Великой Победы.
В походе принимают участие всадники "Шыу хасэ" Республики Адыгея, Казаки Майкопского отдела, всадники 'Шыу хасэ" Карачаево-Черкесии, Кабардино-Балкарии и Краснодарского края.

#Repost @adygepsale
・・・
Илъэс 32-рэ хъуауэ «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес Хэку» газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр номер зэхэтхэм я нобэрей 126-нэ къыдэкlыгъуэр теухуащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм.

👍1
Репортаж о прошедшем 18 сентября 2020 г г. Нальчике заседании Совета МЧА